Бабыгу Эргун и усыгъэр. Поэтическое творчество репатрианта Эргуна Бабуг
Қосымшада ыңғайлырақҚосымшаны жүктеуге арналған QRRuStore · Samsung Galaxy Store
Huawei AppGallery · Xiaomi GetApps

автордың кітабын онлайн тегін оқу  Бабыгу Эргун и усыгъэр. Поэтическое творчество репатрианта Эргуна Бабуг

Зера Бакова

Бабыгу Эргун и усыгъэр

Поэтическое творчество репатрианта Эргуна Бабуг





Тема Родины и тема народа в творчестве поэта неразрывны.

Основной вопрос жизни поэт Бабуг Эргун сформулировал одним вопросом: «Когда мы вернёмся на родину?»

Смысл возвращения поэт видит в обретении возможности сохранения адыгства. Вся его жизнь была ярким примером преданного служения своему народу, пропаганде родного языка, истории и культуры.


12+

Оглавление

Бабыгу Эргун, Нальчик

АДЭ ХЭКУМ СЫНЭМЫСМЭ

Бабыгу Эргун и творчествэм теухуауэ


«Си акъыл къыэрихьэрэ хэкум си нэ къыхуикIыу сыпсэуащ. Пэжыр жысIэнумэ, дызыхэс лъэпкъымрэ дызэрыс щIыналъэмрэ зэи сащыщу зыхэсщIакъым. Мыр жысIэныр емыкIуми сщIэкъым, ауэ я гуфIэгъуэр си гуфIэгъуэу, я гуауэр си гуауэу зэи къысщыхъуакъым. КIэщIу жыпIэмэ, сахэзэгъакъым, Iэмал зэрызгъуэтуи, си щхьэр къисхри си унэ къэзгъэзэжащ», — къыджиIат Бабыгу Эргун, университетым къедгъэблэгъауэ:

 Къигъэзэжащ уи къуэ кIуэдам,

Зауэм къикIыж хуэдэу ешауэ.

Илъэсищэрэ плIыщIрэ и ныбжьу,

ГъащIэм иригъэзэшауэ.


Къигъэзэжащ уи къуэ кIуэдам,

И псалъэм хамэбзэ къыхэхуэу.

ЖиIэр къыбгурымыIуэж хъуарэ,

Хуэсакъ пэтми, къыжьэдэхуу.


Къигъэзэжащ уи къуэ кIуэдам,

Мыпхуэдиз илъэс нэужьым.

Мис и унэ къекIуэлIэжащ,

Тетурэ адэжь лъэужьым…


Къигъэзэжащ уи къуэ кIуэдам,

Фи зэхуакум зэман кIыхь докI.

Ар уэ щIагъуэу къыпфIэмыIуэхуми,

А къэкIуэжар гъуэгу жыжьэ къокI.


Къигъэзэжащ уи къуэ кIуэдам,

Убыд и Iэпэри зэшэлIэж.

Зебгъапщэмэ адрей лъэпкъхэм,

Узыхуэныкъуэр уэри уощIэж.


Къигъэзэжащ уи къуэ кIуэдам,

Уэ къуэ ухуэныкъуэу щытмэ.

Лъэпкъхэм дахэкIуэдэжынущ,

Дызыхыхьэжу дызэкъуэмытмэ.

(Бабыгу Эргун,

Налшык, Мазае, 2007)

Бабыгу Эргун Сейфи и къуэр хэкум икIа Бабыгу Iэсхьэд и еплIанэ щIэблэу 1964 гъэм Тыркум щыIэ, БабыгуеижькIэ зэджэ къуажэм къыщалъхуащ. Бабыгу (тыркубзэкIэ Yıldız — вагъуэ) унагъуэцIэр зезыхьэ куэд а къэралым щопсэу, икIи ахэр зэунэкъуэщкъым.

УнагъуэцIэр тыркубзэкIэ хъуэжын хуей щIэхъуар иджыпсту куэдым яцIыху — адыгэцIэхэр, унагъуэцIэхэр, къуажэцIэхэр тыркубзэкIэ щрагъэхъуэж зэман Тыркум щыIащ. Ар къэралыгъуэм и политикэт —

уебэкъуэн, умыгъэзэщIэн ухуиттэкъым — абыкIэ зыри къоупщIтэкъым. Мы

Iуэхугъуэм къыпэкIуащ нобэкIэ хамэщI щыпсэу адыгэ куэдым къызыхэкIамрэ къыздикIахэмрэ зэрамыщIэжыр. Эргун (Ахърэт нэху кърит) и IэщIагъэкIэ электрикт, электроникэм хуезыгъаджэ институтыр къиухат, и лэжьыгъэри а IэщIагъэм епхат.

Зэрысабийрэ адыгэр хамэ лъэпкъым зэрахэсыр, зэрахэкIуэдэжыр игу темыхуэу, ар фIэтхьэмыщкIагъуэшхуэу псэуащ. А зэманым къыщыщIэдзауэ и гукъеуэхэмрэ гуфIэгъуэхэмрэ тхыгъэкIэ къиIуэтэныр хабзэ хуэхъуауэ къэгъуэгурыкIуат.

Абы и тхыгъэхэр адыгэ журналхэм, газетхэм я мызакъуэу, Тыркум къыщыдэкI газетхэми журналхэми мызэ-мытIэу къытрадзащ. Эргун и усэ 80-м нэс тырку антологием хыхьащ. А усэхэм фIыуэ сыщыгъуазэщ. Абыхэм ящыщ гуэрхэри си доктор диссертацэм хэзгъэхьат, урысыбзэкIэ зэздзэкIри. Абы щыгъуэ гъунэгъуу дызэрыцIыхутэкъым, и тхыгъэхэм, и IуэхущIафэм мащIэу сыщыгъуазэу аркъудейт. Диссертацэм зы Iыхьэр хухэхат хамэщI щыпсэу адыгэхэм къахэкIа усакIуэхэм я гъащIэм, творчествэм, къаIэт темэхэм, я гурыгъ-гурыщIэхэм. Къэхутэныгъэми сэбэпкIэ, хамэщI щыпсэу куэдым я зэфIэкIым сыщыгъуэзат. Бабыгури абыхэм ящыщт.

Лъэпкъ антологием уи усыгъэр хагъэхьэныр усакIуэм и зэчийр здынэсыр къэзыгъэлъагъуэ зы Iуэхушхуэщ. Сытыт ахэр (усэхэр) нэхъыбэу зытеухуар жыпIэмэ, псом ипэ итщ хуитыныгъэ темэр — псалъэ гъэщIэгъуэнхэмкIэ образ хьэлэмэтхэр къигъэщIурэ усакIуэм къигъэлъэгъуащ а щытыкIэ лъагэр, лъапIэ дыдэр. «ЦIыхур насыпыфIэу псэунумэ, цIыхубэм хуитыныгъэ игъуэтын хуейщ» — мы гупсысэращ усакIуэм и творчествэ псом гухэлъ нэхъыщхьэ хуэхъуар. Укъыздалъхуар хамэщIми, хэкужь зэрыуиIэр зыхэпщIэу, ар унапIэ пщIыжыныр уи гугъапIэу щытын хуейщ Эргун и тхыгъэхэм хуэдэ къэбгъэщIын папщIэ. Ар зэрыпсэуари апхуэдэущ — езым хузэфIэмыкIынрэ зэрыщымытрэ усыгъэкIэ къигъэлъэгъуакъым. СыусакIуэщ жиIэуи мыхьэнэшхуи зритыжакъым (мыхьэнэ езытар сэращ). Сыусэнщ жиIэу лейуэ къалэмыр къищтакъым, атIэ и гукъеуэ мащIэр, зэрыхъукIэ усэбзэкIэ къиIуэтауэ аркъудейщ — усэбзэр и анэдэлъхубзэу къыдэпсэлъауэ аращ.

АдэкIэ — зэныбжьэгъугъэ, зэкъуэшыныгъэ, лъагъуныгъэ темэхэращ. Ахэри гъэщIэгъуэну къэIуэтащ. Эргун и творчествэ псом хуитыныгъэм бгъэдэту щыпхышат Хэкужьым ехьэлIа темэр — мы тIур и тхыгъэхэм щызэпыщIат — дуней псом текъухьа хъуа и лъэпкъыр хэкужьым къызэрыришэлIэжын, адыгагъэр, адыгэ хабзэр — ахэр къызыпкърыкIыж адыгэбзэр ящымыгъупщэжын къудей мыхъуу, куууэ зрагъэщIэн, я гупсысэкIэ, дуней тетыкIэ ящIын, и лъэпкъым и щхьэм кърикIуаращ, нобэ и щытыкIэращ, и пщэдейращ. Хэкум къимыгъэзэжмэ, адыгэр зэрыкIуэдынум шэч къытрихьэжтэкъым усакIуэм: «Къэгъазэ си къуэш, къэгъазэ си шыпхъу, Мыр зи бзэри дэращ, зи хабзэри дэращ». Феплъыт:

Хуэм хуэмурэ уокIуэдыр, адыгэ щIалэ,

Хабзэр, бзыпхъэр пфIокIуэдыр, щIэхыу къэгъазэ.

Уи бзэ пщIэжкъым — тыркубзэр пфIыхэзэрыхьащ,

Уи хабзэм хамэ хабзэр пфIытезэрыхьащ.


Къэгъазэ си къуэш, къэгъазэ си шыпхъу,

Мыр зи бзэр дэращ, зи хабзэр дэращ.

Хэт нэхърэ дынэхъыкIэ, ди бзэ дымыщIэну?

Дэ ди хабзэр нэхъыкIэ, хабзэ дымыщIэну?


ТIэщIэкIынщ а псори, зэуэ тфIэкIуэдынщ,

Ди бзэр, хабзэр тфIэкIуэдмэ, дэри дыкIуэдынщ.

Къэгъазэ си къуэш, къэгъазэ си шыпхъу,

Мыр зи бзэри дэращ, зи хабзэри дэращ.

(Бабыгу Эргун, «Къэгъазэ»)

Бабыгу Эргун, хамэщI щыпсэу адыгэ куэдым ящхьу, адыгэбзэр езым зригъэщIэжат. И анэдэлъхубзэмкIи тхыгъэ кIэщIхэр, усэхэр итхт. Къалэныр зыгъэзэщIэн щыщымыIэм деж, уимыкъалэнри уи пщэм къыдохуэ жы хуаIэрати, Тырку къэралыгъуэм иджыри адыгэбзэр хуит имыщIауэ, Истамбыл дэт адыгэ хаситIым адыгэбзэ курс къыщызэIуихри, щIалэ гуп адыгэбзэм хуригъэджащ. Эргун мыегъэджакIуэми, езым нэхъыфI щи мыгъуэтым, адыгэбзэмкIэ егъэджакIуэ хъуат. Тыркум иджыпсту щызэхэпхынщ Эргун-егъэджакIуэм теухуауэ хъыбар дахэ куэд. Абыхэм псоми зэтехуэу зы жаIэ — Эргун хабзэ дахэ, нэмыс хэлъу зэрыщытар, гъэсэныгъэ екIурэ лIыгъэрэ зэрыбгъэдэлъар. АбыкIэ фIыщIэр зейр къэзылъхуахэращ, дауикI. Ауэ уэ убгъэдэмылъыр цIыхум ептыфын? Сэ мыбыхэм я Iуэхум фIыуэ сыщыгъуазэщи, схужыIэнущ хасэхэм деж бзэрэ хабзэрэ щептыну икъукIэ зэрыгугъур. Мыхэр езыхэр зэмыфэгъу защIэу зэхэлъщ — ныбжькIи акъылкIи зэтемыхуэу, абыи къыщымынэу, хэт къэбэрдейуэ, хэти адыгейуэ, абы нэгъуэщI лъэпкъхэри къахэзэрыхьу. Абыхэм я егъэджэныр идея лъагэу уи щхьэм имылъмэ, сомрэ зэманрэ мы Iуэхум пхутегъэкIуэдэнукъым. Ауэ, Эргун и щабагъым, и гум и дахагъым, и лIыгъэм, и адыгагъэм — щIалэгъуалэр къыкIэлъыкIуэт.

ЗэрыцIыкIу лъандэрэ ар Хэкум къызэригъэзэжыным щIэхъуэпст. Зэ-тIэу Хэкум къакIуэурэ щыIащ, ауэ къэкIуэжыпэн къыщехъулIар 2006 гъэращ. Абы лъандэрэ Налшык щыпсэуащ. И IэщIагъэм теухуа лэжьапIэ къызэIуихри ехъулIэныгъэ иIэу дунейм ехыжыхун лэжьащ. И лэжьыгъэмкIэ адыгэ куэдым сэбэп яхуэхъуащ. Цıыхум сомкIэ зыщIэгъэкъуэныр и хьэлу щытащ. Сирием къикIыжа ди лъэпкъэгъухэми ядэIэпыкъуащ. Тыркум къикIауэ, ди университетым щеджэ щIалэгъуалэм ящхьэщытащ.

Бабыгу Эргун унагъуэт. ЩIалитI къыщIэнащ Амырхъанрэ Батухъанрэ. Нэхъыжьыр университетым зы зэмакIэ щеджащ. Иужьым Истамбыл къыщиухыжащ.

Ковидыр Эргун къыщеуэлIам, и унагъуэр Истамбыл щыIэт. Езыр Налшык къэнат, лIыгъэм зригъэхьри. Узыр къызэриубыдар хэIущIыIу ищIакъым, Тырку гъуэгури зэIухатэкъым… Ауэ Эргун зыцIыхуу щытахэм, и ныбжьэгъуахэм ди гур догъэфI сытым дежи и нэ къызыхуикIа Хэкум зэрыщыщIалъхьэжамкIэ:

Сэ сылIэмэ

пщыхьэщхьэпэу сылIэнущ.

Уэшх тIэкIу къыстырипхъэрэ,

Жьым сабэр зыщIипхъэуэ.


Сэ сылIэмэ

пщыхьэщхьэпэу сылIэнущ.

Мазэр си уэздыгъэрэ,

Жэщ фIыцIэр си тепхъуэуэ.


Сэ сылIэмэ

пщыхьэщхьэпэу сылIэнущ.

Вагъуэ ижа фIэкI умыщIэу,

СхэкIуэтынущ мы гъащIэм.


Сэ сылIэмэ

пщыхьэщхьэпэу сылIэнущ.

Зэи сыщымыIа хуэдэу,

Сырахьэхынущ щIы лъащIэм.


Сэ сылIэмэ

пщыхьэщхьэпэу сылIэнущ.

Си хэкум сакъыхэплъэну,

СыщыщIэфлъхьэ зы бжьэпэ и дей.


Сэ сылIэмэ

пщыхьэщхьэпэу сылIэнущ.

НэгъуэщI зы щIыпIэ сывмыхьу,

ЗанщIэу сефхьэлIэж Бабыгуей.

Эргун и усыгъэми, къытхуиIуэтэжа хъыбархэми къазэрыхэщымкIэ, хэку фIылъагъуныгъэр уIэгъэжь мыкIыжым хуэдэу къыздырахьэкI хамэщI щыпсэу адыгэхэм:

Адэ хэкум сынэмысу

Хамэ къэрал сыщылIэмэ,

Сыкъэзышам зэремыбгъэу,

Сызмышэжым сигу ебгъэнщ.


Сэ адыгэу зыслъытэжрэ

Хамэм сахэкIуэдэжмэ,

Адыгэу и хэку къинэжа

Си къуэшхэм ягу къызэбгъэнщ.

(Бабыгу Эргун,

«Адэ хэкум сынэмысмэ…»)

КъызэрыкIуэжынумрэ къыщыкIуэжынумрэ нэгъэсауэ ямыщIэми, куэдым Хэкужьым къызэрихьэжынур шэч хэмылъу яцIыхут. Хэкужь Iуэхур хьэкъыу зыхэлъу къалъхуахэращ Iэмал зэрагъуэту къекIуэлIэжар. Гугъуехь куэд хэтащ, иджыри зрихьэлIэ лъэпощхьэпор нэхъ мащIэ хъуакъым. Ауэ гугъуехьым хуэхьэзырт. Къыптрахами, къэбгъэнами, зэ пфIэкIуэда уи лъапсэжьыр тыншу къызэрыпIэрымыхьэжынур хьэкът. Ауэ я лъапсэжьыр тIысыпIэ ящIыжын мурадыр апхуэдизу инти, псоми пэщIэувэфт, мазэрэ дыгъэу уафэгум къыщепсти гугъэр ягъэнэхут, ягъэхуабэт.

ХамэщIым къыщалъхуа, езыр-езыру зи анэдэлъхубзэр зэзыгъэщIэжа усакIуэм дежкIэ мыпхуэдэ усэр ехъулIэныгъэщ. Мы темэм — хамэщI щыпсэу адыгэхэм къахэкIа усакIуэхэм я къалэмым къыщIэкIа тхыгъэхэм елэжьын щыщIэздзам — 1990 гъэхэм — мыпхуэдэу адыгэбзэкIэ тхауэ усэ Iэрамэ зэгъусэу уи па — щхьэ къизылъхьэфын абыхэм яхэттэкъым. Апхуэдэр щыIэнкIи Iэмал иIэтэкъым. АтIэ, Тыркуми ди лъэпкъэгъухэр здэпсэу нэгъуэщI къэралхэми я анэдэлъхубзэр дэкъузат. Иджыпсту уагъэгуфIэу, усэбзэкIэ къаIуатэми, художественнэ тхыгъэ кIэщIми, адыгэбзэкIэ зыкъом матхэ.

Бабыгу Эргун и усэхэр къанэ щIагъуэ щымыIэу зытеухуар сытым дежи зыгъэгулэзу щыта Iуэхугъуэращ — хэкуращ — абы и къэкIуэнуращ, нобэ зыхэт лъэпощхьэпохэращ.

«Бдзэжьейм и хъыбар» жиIэу Эргун усыгъэ иIэщ. Мы хъыбарыр гъыбзэ-уэрэду зэхэлъщ. И лъэпкъым и щхьэм кърикIуар, и псэм бэлыхьу телъар, зыщIэхъуэпсар, зыхэхуар, фIэкIуэда хуитыныгъэр — ар Алыхь Iэмыруи щIы, езым и хуэмыхуагъ, щIэныгъэншагъэуи жыIэ — хэт и зэранми, — ар иужькIэщ, ар етIуанэщ. Лъэпкъым и щхьэм кърикIуа гузэвэгъуэшхуэр бдзэжьейм и образымкIэ усакIуэм къеIуатэ. Бдзэжьейр щытыкIэ бзаджэм ирегъэувэ — зыщыпсэу псым къыхедзри удзыпцIэм къытредзэ. А удзыпцIэр зи хъуэпсапIэ куэд щыIэу къыщIэкIынт, ауэ хэт ухуэупсами, бдзэжьейм удзыпцIэкIэ ухуэупсэныр псэзэпылъхьэпIэт.

Мы усэ-поэмэр а гупсысэм къигъэщIащи, феплъыт:

Хуитыныгъэ, хуитыныгъэ, уэ псоми урияпэщ.

Хуитыныгъэ, хуитыныгъэ, бдзэжьейм щхьэкIи улъапIэщ.


Зы махуэ гуэр бдзэжьеящэм,

Псым зы бдзэжьей къыхидзат жи.

Ар зыщыпсэу псым къыхидзри,

УдзыпцIэм къытридзат жи.


Хуитыныгъэ, хуитыныгъэ, уэ псоми урияпэщ.

Хуитыныгъэ, хуитыныгъэ, бдзэжьейм щхьэкIи улъапIэщ.


Бдзэжьейр бампIэу зиукIыжу,

Къыздыхадза псымкIэ еIэт,

И пкъыр зэщIигъэундэрабжьэу,

Къызытехуа удзыр щIыIэт.


Хуитыныгъэ, хуитыныгъэ, уэ псоми урияпэщ.

Хуитыныгъэ, хуитыныгъэ, бдзэжьейм щхьэкIи улъапIэщ.


ЖиIэр сытми къыгурымыIуэу,

Лıыжьым зыгуэр къыжриIэт.

ЗэрыкIуэдым иригузавэу,

Бдзэжьейм гу къеуэшхуэ иIэт.


Хуитыныгъэ, хуитыныгъэ, уэ псоми урияпэщ.

Хуитыныгъэ, хуитыныгъэ, бдзэжьейм щхьэкIи улъапIэщ.


Гужьеяуэ зиукIыжыхукIэ

И къарур нэхъри щIэкIырт,

Зыри иIэ къримыкIуэу,

ИщIэурэ и псэр IэщIэкIырт.


Хуитыныгъэ, хуитыныгъэ, уэ псоми урияпэщ.

Хуитыныгъэ, хуитыныгъэ, бдзэжьейм щхьэкIи улъапIэщ.


Псым еплъмэ гъащIэр илъагъут,

ЯтIэм еплъмэ — лIэныгъэрт,

ЛIэрэ пэтми и гум къеуэрт,

ТхьэмыщкIагъэр, закъуэныгъэр.


Хуитыныгъэ, хуитыныгъэ, уэ псоми урияпэщ.

Хуитыныгъэ, хуитыныгъэ, бдзэжьейм щхьэкIи улъапIэщ.


Дыгъэри бжьэпэм къыдэкIауэ,

Иджы и пкъыр мафIэм исырт.

Езыр зылъэмыIэс псышхуэм,

Иджы бдзэжьей Iэджи щесырт.


Хуитыныгъэ, хуитыныгъэ, уэ псоми урияпэщ.

Хуитыныгъэ, хуитыныгъэ, бдзэжьейм щхьэкIи улъапIэщ.


Ар игу къэкIыху бдзэжьей цIыкIур,

Псым нэсыну нэхъри еIэт.

Ижьэ уIам лъы къыжьдэжым,

Удзыр плъыжьыбзэу ириIэт.


Хуитыныгъэ, хуитыныгъэ, уэ псоми урияпэщ.

Хуитыныгъэ, хуитыныгъэ, бдзэжьейм щхьэкIи улъапIэщ.


Бдзэжьеящэм зыфIимыгъэщIу,

НэгъуэщI къиубыдыну ещэрт.

Псэ зэрыхихыр ищIэ пэтми,

Бдзэжьей къиубыдурэ ищэрт.


Хуитыныгъэ, хуитыныгъэ, уэ псоми урияпэщ.

Хуитыныгъэ, хуитыныгъэ, бдзэжьейм щхьэкIи улъапIэщ.


ЗиукIыжыху псыр нэхъ гъунэгъу къэхъути,

Гъунэгъу хъухукIэ нэхъри еIэрт.

Псым и Iуфэм нэсыпати,

Абы хэхуэу лIэжамэ арт.


Хуитыныгъэ, хуитыныгъэ, уэ псоми урияпэщ.

Хуитыныгъэ, хуитыныгъэ, бдзэжьейм щхьэкIи улъапIэщ.


Бдзэжьейм псэ хэту зидзри,

Псэ хэмытыжу зыхидзэжащ.

И пкъы цIыкIур тхьэмпэм хуэдэу,

Псы щIыIум къытридзэжащ.


Хуитыныгъэ, хуитыныгъэ, уэ псоми урияпэщ.

Хуитыныгъэ, хуитыныгъэ, бдзэжьейм щхьэкIи улъапIэщ.

ИщхьэмкIэ къыхэдгъэщат зы темэ — хуитыныгъэм и уасэр — абы нэхъапэрэ нэхъ лъапIэрэ зэрыщымыIэр. Ар пфIэмыкIуэдауэ, и уасэр и кIэм нэс зыхэпщIэнукъым: «Хуитыныгъэ, хуитыныгъэ, уэ псоми урияпэщ. Хуитыныгъэ, хуитыныгъэ, бдзэжьейм щхьэкIи улъапIэщ», — жи усакIуэм.  Мис апхуэдэ къэIуэтэкIэкIэ ди нэгу къыщIигъэуващ усакIуэм хэхэс хъуа цIыхум и псэм щыщIэр, и щхьэр зыхэтар. Бдзэжьейри ауэ къызэрыгуэкIыу къигъуэта образкъым.

Хэхэс хъуа усакIуэхэм я тхыгъэхэм куэдрэ къыщагъэсэбэп псым, тенджызым епха метафорэ хьэлъэхэр. Деплъынти:

Тхьэрыкъуэ цIыкIу

Тхьэрыкъуэ цIыкIу, тхьэрыкъуэ цIыкIу,

Сытым хуэдэ ухуитыныр?

Залымыгъэ къыплъэмыIэсу,

Улъатэу уэфэгум уитыныр?


Тхьэрыкъуэ цIыкIу, тхьэрыкъуэ цIыкIу,

ГъащIэр сохь уэ сынохъуапсэу,

Сыту унасыпыфIэ дыдэ.

Уэри уопсэу…  Сэри сопсэу!


Тхьэрыкъуэ цIыкIу, тхьэрыкъуэ цIыкIу,

КъакIуэ зэдгъэхъуэж гъащIэхэр.

Сэ зэзгъэщIэнщ хуитыныгъэр,

Уэри лъагъу сэ къызащIэхэр.


Тхьэрыкъуэ цIыкIу, тхьэрыкъуэ цIыкIу,

Сыхъуащ фIэкIа щхьэлажьэ.

Уи гъащIэ хейр къызэптыну,

Уэ цIыкIуми сыт уи лажьэ.


ЖысIэр аращ, тхьэрыкъуэ цIыкIу,

Стырахащ сэ си дыгъэр.

КIыфI къыпщыхъунщ уи гъащIэ псор,

ПфIэкIуэдмэ хуитыныгъэр.

«Си хэку къызэрызгъэзэжрэ, си гур нэхъ тыншыжащ. Хамэ щIыналъэ щымыпсэуамищIэнукъым узытеувэ щIыр, узэфэ псыр, зи жьауэ ущIэс жыгыр игъащIэ лъандэрэ уи лъэпкъым ейуэ, ар зыхэпщIэу, абы уригушхуэу, уригуфIэу упсэуныр зэрынасыпышхуэр. Мыр, зэрыжысIащи, хамэ лъэпкъым щтэIэщтаблэу яхэмысам къыгурыIуэнукъым», — къажриIат Эргун си студентхэм, университетым къыщедгъэблэгъам.

Эргун и тхыгъэхэм, и усэхэм къазэрыхэщымкIэ, абы апхуэдизу насыпу къилъытэткъэкIуэжынри, хэкум къэсыжмэ псори зэфIэкIыу, гукъеуи гузэвэгъуи зыри щымыIэжыну къыфIэщIт. Ауэ къэкIуэжыным узыгъэгупсысэ Iуэхушхуэ хэлът. Тырку къэралыгъуэм — усакIуэр къыздикIыжа щIыналъэм — адыгэ къабзэу мелуанитIым нэс исщ — «… ахэр хокIуадэ, деплъурэ хокIуадэ. А Iуэхугъуэм си щхьэр сигъэIэткъым, си гум зыгъэпсэхугъуэ къриткъым. Дэ дылъэпкъ цIыкIущ, зауэ банэкIэ тфIэкIуэдын цIыхуи хамэ лъэпкъхэм яхэкIуэдэжыни диIэкъым — ахэр къешэлIэжын хуейщ. Мыр зы лэжьыгъэшхуэу къытпэщылъу къызолъытэ. Ахэр къешэлIэжа хъумэ, ди лъэпкъми дызыхэс къэралми къару игъуэтын фIэкIа зыкIи зэранкъым», — къыджиIат усакIуэм.

Мы гупсысэм хуэгъэзащ Эргун и усэ «Джэгу пэублэ ущие», «Адэ хэкум сынэмысмэ…», «Адыгэхэр хэкум йокIыр», «Сыт щыгъуэ?», «Сэ сылIэмэ», «Тхьэрыкъуэ цlыкlу», «Махуэ гуауэм и хъыбар», «Си гум дауэ изгъэхуфын?», «ФIыщIэ яхуэфщI», «ЛъэIу», «Хэт зи ягъэр?», нэ- гъуэщIхэри. Феплъыт:

Сыт щыгъуэ?

Мазэм зегъазэ…

Дыгъэм къегъазэ…

ЖыIэ, сыт щыгъуэ дэ дгъэзэжыну?

Уэсу къехуэхыр бахъэу йокIуэлIэжыр,

ЖыIэ, дэ сыт щыгъуэ декIуэлIэжыну?

МафIэм димысу, ди гур имысу, кхъэм дынэмысу

дынэсыжыну?

Бзэр тIэщIэмыкIыу, ди псэр хэмыкIыу,

Ди фэр темыкIыу дэ дыкIуэжыну?

«Хэкур ди унэщ, лъэпкъыр ди унагъуэщ — апхуэдэу щыхъукIэ, Хэкур фIымэ, лъэпкъыр лъэщмэ — ар дэ езым ди фIагъщ. Iуэхур абы темытмэ, ари дэ езым ди ягъэщ, ди къуаншагъэщ, ди тхьэмыщкIагъэщ. Ди унэми, ди унагъуэми дыщыпымыкIыфынукIэ, ар егъэфIэкIуэн, абы зегъэужьын къалэныр ди пщэ дэтлъхьэжын хуейщ, утыкум зы мыхъумыщIагъэ, зы къуаншагъэ е щыуагъэ илъмэ, абы ди Iыхьэ зэрыхэлъыр тщIэжын хуейщ», — къыджиIащ Бабыгум.

И усэхэмкIэ, и тхыгъэхэмкIэ Эргун адрей и лъэпкъэгъухэми я Хэкужь зрагъэгъуэтыжы ну къыхуреджэ — «Адыгэ зауэлI», «Къигъэзэжащ уи къуэ кIуэдам», «Ущие», «Хабзэр зищIысыр», «СлъэкIыу зыщызгъэгъупща?», «Уэ си щIалэ, къызэдаIуэ», «Уэри сэри дыдейщ», «Сэ мыбы сакъыхомыгъанэ», «Къэгъазэ», «Къэдгъэзэнущ» усэхэр зыхуэгъэзар я фIэщыгъэцIэхэм къызэрагъэлъагъуэщи, адыгэхэм я адэжь Хэкур зыIэрагъэхьэжынращ (Алыхь лъапIэ, сэ зыгуэркIэ сынолъэIу, Адэ хэкур зэ сымылъагъуу сомыгъалIэ. Зэ сыгъэлъагъу. Адыгэхэр зэрыпсэур. Содэ, итIанэ жыхьэнмэм сешалIэ), я анэдэлъхубзэкIэ псэлъэжынращ (Хамэ лъэпкъым сахэсу, Дауэ зэрысхъумэнур хабзэр? Сызэрыпсалъэр ягу темыхуэу, Тхьэмпэм хуэдэу пачащ си бзэр…), ди лъэпкъыр нобэ адыгэу къэзыгъэса ди хабзэ гуащIэр, дахэр зыхалъхьэжыныр, адэкIи ирагъэфIэкIуэнращ (Хабзэр лъэпкъым и уэрэдщи, Ар жыпIэхукIэщ узэрылъэпкъыр. Хабзэр щыпфIэкIуэда махуэм, Япхауэ бжы уи Iэпкълъэпкъыр…).

УсакIуэм и гугъапIэт и псалъэр и лъэпкъэгъухэм зэхахыну, зыхащIэну, зэ нэхъ мыхъуми Хэкужьым къэкIуэжу зыщаплъыхьыну, къызыхэкIахэр къагъуэтыжы ну:

Къэзгъэзэнущ, къэбгъэзэнущ,

Псоми зэгъусэу къэдгъэзэнущ,

НэгъуэщI Iэмал къытхуэнакъым,

Ди хабзэм къытедгъэзэнущ.

«Нобэ адыгагъэр зы щимэ зэвым иткъузауэ къафэ дахэ, фащэ дахэ, псалъэ дахэ къудейкIэ зыдогъэадыгэ, — жиIэт Эргун, — абы адэкIэ гугъу зедгъэхьынуи дыхуейкъым. Ауэ абы лъэпкъыр къихъумэнукъым — ди бзэр мэкIуэд, ди хабзэр мэкIуэд, ди цIыхугъэр мэкIуэд. Дыгъуасэ ди Хэкур залымыгъэкIэ дэзыгъэбгынам нобэ ди тхыдэр зэрыармырауэ етх, еIуатэри къытфIэIуэхукъым — щапхъэ къызыхэтхыну ди тхыдэр мэкIуэд. Псоми я нэхъыщхьэу къэкIуэну зэманым худиIэ гугъэр мэкIуэд, глобализацэм здехь».

Эргун-усакIуэм и анэдэлъхубзэр Тыркум щихъумащ, и лъэпкъэгъухэм я бзэр зэращIэным, зэрахъумэным яужь итащ. Эргун-адыгэлIым лэжьыгъэшхуэ иригъэкIуэкIащ иджыпсту ди лъэпкъыр зыхэт лъэпощхьэпохэм къыхэшынымкIэ. Эргун и гуныкъуэгъуэт хэкум къэзыгъэзэжахэм я бжыгъэр зэрымащ1эр, — цIыху нэхъыбэ къэшэжыным телэжьащ усакIуэр.

Бабыгу Эргун и Iуэху дахэхэр, и псалъэ Iущхэр куэдрэ ди цIыхухэм я гум илъынщ.


Еплъ: Бакъ Зерэ Хь. УсакIуэ, адыгэгу Бабыгу Эргун // «Черкес Хэку» газет, апрелым и 15 2021гъ., Черкесск къ.

Бабуг Эргун, Нальчик, 21 мая


Анкара, 2013 г.
Бабуг  Эргун на 2-й Международной адыгской (черкесской) конференции, Анкара, 2013 г.

СЭ УЭР НЭМЫЩI СИIЭКЪЫМ

Бабыгу Эргун и усыгъэм щыщ

Джэгу пэублэ ущие

Пшэр уафэгум щызэхэкIуэтащ,

Дызыхэс лъэпкъхэм дахэкIуэдащ,

Адыгагъэр дгъэкIуэдащ

Фытепыхьэ, маржэ!


ЦIыкIум иныр ицIыхужкъым,

Адыгэу дыкъацIыхужкъым,

Гъунэгъухэр зэрыцIыхужкъым,

Фызэбгъэдыхьэ, маржэ!


Дэнэ дыкIуэми ди псалъафэт,

Тхыдэжь диIэу дылъэпкъ лъапIэт,

Зы зэман псоми дарияпэт,

ДащIэвгъыхьэ, маржэ!


Ди джэгур — адыгэ джэгуу, е (щ)

Дыкъэуджу, дыкъэджэгуу, е (щ)

ДыгушыIэу, дыздэджэгуу, е (щ)

Фыкъытхыхьэ, маржэ!

Сэ уэр нэмыщI сиIэкъым

Си макъ зэхэзыхын,

Сэлам къызэзыхын,

Гугъуехь схудэзыхын зыри щыIэкъым —

Сэ уэр нэмыщI гурыфIыгъуэ сиIэкъым.


Си Iуэху къыздэзубыдын,

Сыджалэм, сызубыдын,

Си Iэпэ къэзубыдын зыри щыIэкъым.

Сэ уэр нэмыщI гурыфIыгъуэ сиIэкъым.


Уи щIыгу сытетмэ,

Уи жьым сыхэтмэ,

Уэ укъызбгъэдэтмэ, сызыхуей щыIэкъым —

Сэ уэр нэмыщI гурыфIыгъуэ сиIэкъым.

Адыгэхэр хэкум йокIыр

ЯунэщIауэ я унэхэр,

Къатеуауэ я дунейхэр,

КъакIэлъоплъ къагъэнахэр,

Адыгэхэр хэкум йокIыр.


ЯмыщIэхэу дэнэ кIуэну,

Я щхьэ сыт кърикIуэну,

ЩIэуэ гъащIэ яухуэну,

Адыгэхэр хэкум йокIыр.


Ди хэкур дэркIэ лъапIэщ,

Ар дэркIэ жэнэт къуапэщ,

Мыр дунейм я хьеинапэщ,

Адыгэхэр хэкум йокIыр.


Я гъащIэр зауэкIэ кIуауэ,

Я хэкур яIэщIэкIауэ,

Я щхьэхэр егъэзыхауэ,

Адыгэхэр хэкум йокIыр.

Адыгэ зауэлI

ПщIэгъуалэм тесу,

Уанэпэм пысу,

Хьэзраил бгъэдэсу,

Адыгэ зауэлIыр.


Зауэурэ йокIуэкIыр,

Еуэурэ къокIуэкIыр,

Зэуэр шым йохуэхыр,

Адыгэ зауэлIыр.


Шыр къигъэджэгуу

Ажалым дэджэгуу,

Зэуэныр фIэджэгуу,

Адыгэ зауэлIыр.


Iэтауэ и къамэр,

УIауэ и дамэр,

Лъыпсу и джанэр,

Адыгэ зауэлIыр.


Лъыр псы къыщыхъуу,

ЛIэныр пцIы щыхъуу,

ЛIипщIыр зы щыхъуу,

Адыгэ зауэлIыр.

Си гум дауэ изгъэхуфын?

А хы фIыцIэм хэкIуэдахэр,

А гъуэгу гуауэм текIуэдахэр,

Езыр псэууэ зи цIэ кIуэдахэр,

Си си гум дауэ изгъэхуфын?


Сабий адэншэу къэнахэр,

ЦIыхубз лIыгъэр къызыхуэнахэр,

А зауэшхуэм къыщIэнахэр,

Си си гум дауэ изгъэхуфын?


КIуэуэ лIэныгъэм пэщIэхуар,

И бийм гъэруэ IэщIэхуар,

Ирахуу хамэм яхэхуар,

Си си гум дауэ изгъэхуфын?

Емынэ уз

КъызгурымыIуэу зы Iуэху щыIэщ,

ЗыщIэр хэтми къысхуэвгъуэт.

Щıакхъуэ ухуейм уолъыхъуэри,

Фадэр дэни щыбогъуэт.


Зыщэм ар къыгурымыIуэми,

ГурыIуэгъуэщ езыгъащэр.

Лъэпкъым и бийуэ къызолъытэ,

Апхуэдэ Iуэху езыгъажьэр.


Ди щIалэхэр ундэрэбжьауэ,

Зебыршэу тетщ уэрамым.

Дэ лъэпкъ жытIэу зи пщIыхь тлъагъур,

ДызыщIэхъуэпсыр мыракъым.


Апхуэдизу фадэм есам,

Лъэпкъи хэкуи фIэIуэхункъым.

Апхуэдэ цIыхум игъэсам,

Лъэпкъым щIэблэ къытхуэхъункъым.


Пщащэ цIыкIухэр йофэ фадэм,

Щıалэгъуалэм дыпыкIащ.

ПщIэ яхуищIын анэ-адэм,

Чэф хъуауэ щытмэ зэфIэкIащ.


Фадэм ди пкъыр егъэфри,

Акъылыри егъэкIуэд.

Лъэпкъым лъахъэ къытхуэхъуащи,

Жылэр макIуэ, дэ докIуэт.


Мыпхуэдизыр къыщIэспсэлъыр,

Си щхьэ Iуэхукъым, къысхуэвгъэгъу.

Фи щхьэ гущIэгъу хуэвмыщIыжми,

Мы лъэпкъым фи гур ящIэвгъэгъу.

ФIыщIэ яхуэфщI

ПыкIыу и унэм и жьэгум,

ПымыкIыу Адыгэ хэкум,

Иплъэу ажалым и нэгум,

Зауэ зиIам фIыщIэ яхуэфщI.


ГуфIэн насып яхуэмыхъуу,

Зы дэIэпыкъу къахуэмыхъуу,

Сабийуэ, цIыхубзу, цIыхухъуу,

Дауэ зиIам фIыщIэ яхуэфщI.


Губгъуэм ихьауэ икIуэдам,

Зауэм хыхьауэ хэкIуэдам,

Ирахуу тыркум щыкIуэдам,

Гуауэ зиIам фIыщIэ яхуэфщI.


Мыпхуэдиз дыджым къыщIэнам,

И бзэ ищIэу и хэку къинам,

Насыпышхуэу къызэтенам,

Бауэ зиIам фIыщIэ яхуэфщI.

Хэт зи ягъэр?

Къухьэу къыкъуэкIыжыху дыгъэр,

Си гъунэгъу къохъу закъуэныгъэр.

Махуэ къэс зыгуэр зэрехъуэкI,

Хамэм йощхь си псэуныгъэр.


Сщогъупщэ Адыгагъэр,

СщIэркъым ар зэрыгуIэгъуэр.

Сысейм си щIыб хуэзгъэзэжу,

СыкIуэдыжмэ, хэт зи ягъэр?

Уи гъунэгъу сохъу, жыжьэ сыкIуэху

Си псэм хуэдэу, си дыгъэ нэху,

Си гум илъу къыздесхьэкI щэху,

КъызгурымыIуэу ар зэрыхъур,

Уи гъунэгъу сохъу, жыжьэ сыкIуэху.


Си жэщ кIыфIым и вагъуэ цIу,

Си гупсысэм хэлъэт бзу,

Ар дауэми къэзмыщIэфу,

Уи гъунэгъу сохъу, жыжьэ сыкIуэху.


Мы си гум къыщылыд мафIэ,

Си пщIыхьэпIэхэм щызгъафIэ,

И щэхур сэри сыгъащIэ,

Уи гъунэгъу сохъу, жыжьэ сыкIуэху.

ЛъэIу

Алыхь лъапIэ, сэ зыгуэркIэ сынолъэIу,

Адэ хэкур зэ сымылъагъуу сомыгъалIэ.

Зэ сыгъэлъагъу Адыгэхэр зэрыпсэур

Содэ, итIанэ жыхьэрмэм сешалIэ.


Сэ жыжьэхэм сыкъыщыхъуауэ сыщопсэу,

Сыпсэу щхьэкIэ Адыгагъэр сфIолIэ,

Зыри си Iэ илъкъым, сэ уэ сынолъэIу,

Дунейр щытыху мы ди лъэпкъыр умыгъалIэ!


Сыдоплъейри уафэр уфауэ къысщохъу,

Сыкъоплъыхри псыхэр утхъуауэ къысщохъу,

СыщIалэ щхьа си щхьэцыр тхъуауэ къысщохъу,

Схуэхьыжкъым мы къыстеплъхьар сыту хьэлъэ.


Си лъэр щIомых сынэмысыжауэ хэкум,

Си нэр сIомых сыхэмыплъэжауэ джэгум,

Сэ си къуажэр зыкIэрыта а нэкIум,

Сытемыхьэжауэ си псэр хомых, сомыгъалIэ.

Къэубыд си Iэпэр

Къэубыд си Iэпэр,

Дыгъэ къепсым дыпегъажьэ дэ,

Зы гъуэгу жыжьэ дытегъыхьэ зэгъусэу уэрэ сэрэ,

Къытегъазэ имыIэжуэ.


Гуауэ димыIэу,

Дауэ димыIэу,

Зауэ димыIэу,

Дыздэгъэпсэу дэ,

ГъащIэр зэдэдгъэхь уэрэ сэрэ.


Къэубыд си Iэпэр,

Нэхущ уджым дыхэгъыхьэ дэ,

Махуэ къакIуэм дыпегъажьэ ди Iэпэр зэрыIыгъыу,

Гугъэ пщIантIэм дыIугъыхьэ дэ.


Гуауэ димыIэу,

Дауэ димыIэу,

Зауэ димыIэу,

Дыздэгъэпсэу дэ,

ГъащIэр зэдэдгъэхь уэрэ сэрэ.

Уэ, си щIалэ, къызэдаIуэ

Уэ си щIалэ, щIалэ дахэ,

КъэтIыси, зэ къызэдаIуэ.

НыбжесIэнур шыпсэкъым, фIыуэ зэгъащIэ,

КъыпкIэлъыкIуэм ебгъэщIэнущ уэ.


Я бзэр Адыгэбзэу,

Я хабзэр хабзэу,

Ягухэр къэбзабзэу,

Зы жылэу щысхэт, жи.


Дыгъэр къыщытэджу,

Жыгхэр уафэм дэкIыу,

Бгъэхэр къелъэтэкIыу,

Зы бжьэпэ тесхэт, жи.


Шыр къыщагъэджэгуу,

Я псэукIэр екIуу,

И цIэр Адыгэ хэкуу,

Зы щIыпIэ исхэт, жи.


А уджыр, а гъыбзэр,

А пшынэ бзэрабзэр,

А Адыгэ хабзэр,

Иджы шыпсэ хъуахэщ.


Я IэфIыгъуэр кIэщI хъури,

Я махуэр хэщI хъури,

ПцIыхэр яфIэщ хъури,

Жыжьэм къэIэпхъуахэщ.


Дыгъэр жьауэм хэкIуэдащ,

ЛIыхэр зауэм текIуэдащ,

Хэти хамэщI щыкIуэдащ,

Дэ къэнам дакъыщIэхъуащ.


Уэ си щIалэ, щIалэ дахэ,

Си гукъеуэр зыгурыгъаIуэ,

Тхьэм и цIэкIэ сытIысауэ сэ уэ сынолъэIур,

КъыпкIэлъыкIуэм ягурыгъаIуэ!

Махуэ гуауэм и хъыбар

Ар псом хуэмыдэу зы махуэт,

Махуэу хъуам нэхърэ нэхъ гуауэу.

Урысым лъэпкъыр зэрахуэрт,

Илъэсищэ хъуауэ къезауэу.


А махуэми дыгъэр къыщIэкIащ,

КъыщIэкIри щIыр къигъэнэхуащ,

А нэхум къыздихьа гуауэм,

Мы ди лъэпкъыр игъэунэхъуащ.


А махуэм Адыгэ лъэпкъыр,

Я хэкужь лъапIэм ирахуащ,

Хы фIыцIэм адырыщIым

Хъалифэм и хэкум яхуащ.


Сабий, цIыхубз жамыIэу

Зэхуахусри ирахужьащ.

Я нэм нэпсыр щIагъэлъэлъу,

ЦIыхухэр гукъеуэкIэ ежьащ.


Бийм ищIам нэхърэ нэхъыкIэ,

Наибхэм гупым жраIэрт.

«Хъалифэм и хэку фыдошэ,

ФыздэкIуэнур жэнэтщ», — жаIэт.


Ар даурэ дин, дауэрэ жэнэт

ЖиIэри зыгуэр къыщылъэтти,

Гуэныхьщ, жаIэри зырагъэущэхурт,

Ар къызгурымыIуэ яхэтти.


Я нэхъыбэр цIыхубзт, сабийт.

ЯлIхэр зауэу хэкум къинат.

ЦIыху тхьэмыщкIэхэм я Iуэхур

Апхуэдэ бзаджэм къахуэнат.


Зауэм гуауэр къыкIэлъыкIуэу

Сымэджагъэр къахэтэджащ.

Нэхъ тхьэмыщкIэм, къарууншэм

Гъуэгум тету и псэр хэкIащ.


Псэухэр лIам нэхърэ нэхъыкIэу

Тыркум нэсри щыкIуэдащ.

Зы лъэпкъыр мис апхуэдэурэ

Залымыгъэм IэщIэкIуэдащ.

СлъэкIыу зыщызгъэгъупща?

Уи бзэр пщIэркъым жыбоIэри,

Куэдрэ сыкъыбогъэемыкIу.

СлъэкIыу зыщызгъэгъупща,

Сыхуей сщIэну сэ къызэмыкIу?


Хамэ лъэпкъым сахэсу,

Дауэ зэрысхъумэнур хабзэр?

Сызэрыпсалъэр ягу темыхуэу,

Тхьэмпэм хуэдэу пачащ си бзэр.


Я хэку, я жьэгу сагъэхъумэу,

Я бийм сэ сырагъэзэуащ.

«Сэ сы Адыгэщ!» — щыжысIэм,

Бий сащIри, къызэзэуащ.


Сыкъэушу зыкъэсщIэныр,

ПщIыхьэпIэ шынагъуэу ялъагъу.

СызищIысыр зэзгъэщIэныр,

Ар сэ куэдыщэу къысхуалъагъу.


Мис апхуэдэщ си псэукIэр,

Уэ сыкъэгъэемыкIуи щыс.

Дэнэ нэсынуми и кIэр,

Дызытет гъуэгум зэ егупсыс.


КъызоIунщIхэ сыраудыну,

Сэ сымыджэлэн слъэкIыркъым.

КъытщыщIыр си гум нэхъри къоуэ,

Лiэныр къызэхьэлъэкIыркъым.


УкъысщIэнэкIэху къэтIыси,

Сыт диIэжми зэтхьэлIэжынщ.

Адыгагъэ тхуэмыгъэпсэур,

Къыздитхам зыдетхьэлIэжынщ.

Уэ сыт щыгъуи узигъусэщ

Си пщIыхьым ухэмыкIыу,

Си нэгум ущIэмыкIыу,

Дакъикъэ узбгъэдэмыкIыу,

Уэ сыт щыгъуи узигъусэщ.


Сежьэу гъуэгу кIыхь сытехьами,

СымыщIэ Iуэху сыхыхьами,

Хамэ къэрал къэскIухьами,

Уэ сыт щыгъуи узигъусэщ.


Гугъу Iуэху куэд къыспэщIэлъми,

Гукъеуэ куэд къызбгъэдэлъми,

Сымаджэу пIэм сыхэлъми,

Уэ сыт щыгъуи узигъусэщ.


СырикIуэу уэрамым сытетщ,

Сыхэхуауэ бэлыхьым сыхэтщ,

Узмылъагъуми укъызбгъэдэтщ,

Уэ сыт щыгъуи узигъусэщ.

Хабзэр зищIысыр

Хабзэр лъэпкъым и уэрэдщи,

Ар жыпIэхукIэщ узэрылъэпкъыр.

Хабзэр щыпфIэкIуэда махуэм,

Япхауэ бжы уи Iэпкълъэпкъыр.


Хабзэр щыгъынщ укъихуапэу,

Ар пщыгъмэщ ущыцIыхур.

А щыгъыныр зыщыпхамэ,

ФIым хуэкIуэнукъым уи Iуэхур.


Хабзэр хьэщIэщ къеблэгъауэ,

БгъэлъапIэу щхьэщыт.

ПщIэр хабзэм къемызэгъауэ,

А Iуэхум яужь уимыт.


Хабзэр Iэщэщ узауэмэ,

Ар пIэщIэлъу укъимыкIуэт.

УтекIуэнущ узахуэмэ,

Шэч къомыхь, уигу умыгъэкIуэд.


Хабзэр жыгщи, бгъэбагъуэм,

И жьауэм ущIэсынущ.

Ар пфIэмыIуэхуу, пфIэмыщIагъуэм,

МафIэм и бзийм уисынущ.


Хабзэр лIыжьщ, илъэс куэд псэуауэ,

Абы уэ куэд уигъэщIэнущ.

Къыпхуэгъункъым уелъэпэуау,

Ар зэ гуауэу зэбгъэщIэнущ.


Хабзэр напэщ, напэр пщIэмэ,

Ар уиIэхукIэ уадыгэщ.

Напэр зищIысыр умыщIэмэ,

Мес уи гъуэгур хьэдрыхэ нэсщ.


Хабзэр лIыгъэщ, хабзэр фIыгъэщ,

Хабзэр зэхэлъу IэфIыгъэщ.

НобэкIэ ди Iуэхур Iейми,

Ди хабзэр ди гурыфIыгъуэщ.

Илъисищэ дапщэ хъуа?

Илъэсищэ дапщэ хъуауэ

Зыгъэпсэху димыIэу,

Гуауэр къыттосэри

Бийр къыдозауэ.


Ди щIэблэр мэкIуэдыр,

Ди гъащIэр тфIокIуэдыр,

Дэри абы досэри — ар сыту гуауэ!

Зэ ух жей IэфIри,

Къызэтех а уи нэр.


ГъащIэм зиужьынукъым уэ зыкъомыщIауэ.

ЩIэныгъэр къарущ,

Къарур тепщэгъуэщ,

Къащтэ къалэмри уи бийм езауэ.


Илъэсищэ дапщэ хъуауэ,

Дэ тхьэмпэм хуэдэу,

Залымыгъэм и жьым дызэбгридзауэ?

КъыпщыщIым зэ еплъ,

Плъагъум егупсыс,

Зыми зихъуэжынукъым, уэ гу лъомытауэ.


Илъэсищэ дапщэ хъуауэ,

Ди щхьэр егухауэ,

Хамэм къытхуащIыр унафэ тхуэхъуауэ?

Уи лъэ теувэжи, уи хэку екIуэлIэж.

Уи щхьэр Iэтауэ псэу, гур хуиту бауэу.

Зыущэху, щIымахуэ

Зыущэху, щIымахуэ,

Еплъ мы къэхъукъащIэм,

Уэрамхэм теткIуа лъыр щIэуфэ уэскIэ.

Махуэ къэс зы цIыху хей хокIыж мы гъащIэм,

Пщэдджыж къэс гуауэкIэ пкъыр къызэщIоскIэ.


Зыущэху, щIымахуэ,

ГъэпщкIу уи тепхъуэ хужьыр.

ЗыгурыгъаIуэ жысIэр, абыи зы Iуэху хэлъщ:

Укъызыдыхьа пщIантIэм щIалэ нэхъыжыр

Хужьым кIуэцIышыхьауэ и хьэдэ зэрыдэлъщ.


Зыущэху, щIымахуэ,

Укъытхэмыфие.

Щыму блэкI уэ мы уэрамхэм.

Анэхэм я нэпсыр я нэм щIодие.


Хэт хуэныкъуэр уэ уи уэсым, щIыIэм.

Зыущэху, щIымахуэ,

ЛIэныгъэм пщIэ хуэщI.

Укъызыдыхьа пщIантIэр кхъэм ещхьыркъабзэу щэхущ.

ЩIалэ къудан иукъуэдияуэ я куэщI,

Унагъуэр мэгуIэ, еплъ я щхьэ я Iуэхущ.


Зыущэху щIымахуэ,

Еплъ мы къэхъукъащIэм,

Гуауэри зауэри щIэуфэ уэскIэ.

ФIыр тепщэ щыхъужыху лъэпкъым и гъащIэм

Дэ ар зыхэтщIэркъым, сыт, уэс, укъескIэ.

Ущие

Уэ си щIалэ, щIалэ фIыцIэу,

А шы фIыцIэр къэзыгъэджэгу.

УкъыздикIар умыщIэмэ,

УздэкIуэнур дауэ пщIэн?


Уэ адыгэу зыплъытэжрэ,

Хамэм уахэкIуэдэжмэ,

Зэ къыжыIэ, абы нэхърэ

Дунейм сыт нэхъ гуауэу пщIэн?


Уи щхьэ узэрыхуэпсэум хуэдиз,

Адыгагъэм щхьэкIэ псэу.

ИужькIэ ухущIегъуэжынщ,

НэгъуэщI лъэпкъхэм уехъуапсэу.

Къосыр уэс

Къосыр уэс…

Тепхъуэ хужьыр къыттыриубгъуауэ,

Ди мыхъумыщIэр щIеуфэ.

ЩIыгур хужьми, уэгур фIыцIэщ.

Ди дуней кIыфIхэм ещхьу,

Уафэми зыкъеуфэ.


Къосыр уэс.

Уэрамхэм зэпэкIэзызу

Сабий дапщэ щыпIыщIэрэ?

Зи жьэгур мафIэ хуэныкъуэу,

Унэ дапщэм жьыр щыфийми

Хэт ищIэрэ?


Къосыр уэс…

Ди гур хохъуэ, дыщогуфIыкI,

Ди щхьэгъубжэ дыдэплъурэ…

Мис иджыпсту Анэ дапщэм я гур узрэ,

Бын къэтым и гъуэгу пэплъэурэ?..


Къосыр уэс…

Дахэщ уи гъащIэр зэпэщмэ,

Джэгуи тет уэрамхэм, щIыIэм укъигъэплъызу.

Ауэ уимыгугъэ уэщхьу хуэщIау цIыху псори,

Я жьэгу мафIэ дэлъу,

Я унэ щIакхъуэ щIэлъу

Уэсым щыгуфIыкIын хуэдэу я ныбэ изу.

СыпIэщIокIуадэ (уэрэд)

Си псэр къекъузыр уи лъагъуныгъэм,

Си щхьэ здэсхьын сымыщIэу сыкъэнащ,

СхуэгъэIэсэркъым, схуегъасэркъым —

Мы си гур сэ бэлыхьлажьэу къысхуэнащ.


Уи нэ фIыцIитIым дыгъэр щIокIуадэ,

Нэху къэслъыхъуэрт — уи жэщ фIыцIэм сыхэхуащ

Ей! гущIэгъу къысхуэщI, сыпIэщIокIуадэ

Уи гъэр сыхъури сэ уэ сыныппэщIэхуащ.


Уемыжьэж жысIащ сыкъэбгъанэуэ,

МафIэ ебдзу зэхыумыгъасхьэ си дунейр

Вагъуэ къысхуехьэх уафэм жысIэркъым

Уемыжьэжмэ, а зы закъуэрщ сэ сызыхуейр.

Сэри сощIэ

Сэри сощIэ, дахэу, лъапIэу зыкъэсхуапэу

Уэрамхэм сыкъытеувэныр.

Си хэкум и щIыпIэ нэхъыфIхэм

Сурэт щытесхыу сыкъызэриувэныр,

Сэри сощIэ.


Ауэ…

Дэ апхуэдэ къытлъысыркъым

Ди лъэпкъыр емыфIэкIуауэ.

Сэри сфIэфIщ ефэ-ешхэ.

Хъуэхъу егъэлеяхэри жызоIэф…

Пшынэ бзэрабзэм къызэрыдэфэ

Сэри сощIэ.


Ауэ…

А Iэнэхэр унагъуэ къэс щамыгъувыфмэ,

Пшхыр хьэлэлкъым, ущымыуэ.

Сэри сощIэ ди адэжьхэм я лIыгъэмкIэ

Зызгъэпагэу зыкъызэрызгъэлIын…

Тхыдэжьыр згъэныщкIуу уэршэркIэ

Сэри сощIэ.


Ауэ…

Къыслъысыр згъэзэщIауэ щытмэщ

Сыщыпсэлъэфынур апхуэдэу.

Сэри сощIэ унэ дахэр, жьэгу хуабэр,

Щхьэнтэ щабэр зэрыгуакIуэр…

Нобэ гъащIэр мылъкум зэрыхуэкIуэр

Сэри сощIэ.


Ауэ…

Къэлъытэ хэку уимыIэжмэ,

Ахэр псори пфIэкIуэдауэ.

Сэри сощIэ къысIурылъэлъу хамэ бзитI,

Зэманым дызэригъэз псэукIэми сыхозагъэ…

Сыкъэзыхуапэр си бзэмрэ си хабзэмрэщ,

Сэри сощIэ.


Ауэ…

СщIэрэ пэт солъэпауэ.

(2012, ноябрь).

Лъэпкъыр къызэрырагъэл

Щхьэр дгъэузу дызэхэсмэ,

Зыр зым дыщытхъужу, дызэкъуэсмэ,

Хъыбарыжь зыжетIэу дызэбгъэдэсмэ

Лъэпкъыр къедгъэла мэхъу.


Куэдыщэ жытIэрэ, Iэпэ дымыгъэхъейуэ,

Дагъэпсалъэу щытым, сабэр къэдгъэхъейуэ,

ФIыуэ дыпсэуфмэ, нэгъуэщI дыхуэмейуэ,

Лъэпкъыр «къедгъэла» мэхъу.


Унафэ димыIэу, нэхъыжь димыIэу,

Дунейм ахъшэм ипэ идгъэщ щымыIэу,

Дызэхэтщ — къэхъуар сыт, зыми жимыIэу,

Лъэпкъыр «къедгъэла» мэхъу.


МахуитI адэкIэ плъэуэ зы цIыху къытхэкIкъым,

ЩIэныгъэ е къару зыри къытлъыкъуэкIкъым,

ПсалъэкIэ батэр догъэш, Iуэху тхузэфIэкIкъым,

Лъэпкъыр «къедгъэла» мэхъу.

Тхьэусыхафэ

Дунеишхуэм къыщыхъу-къыщыщIэр

Уэращ псори ар зыщIэр.

Дэ дауэ дыкъомылъагъурэ,

Апхуэдизу дыцIыкIужьей?!


ГущIэгъу пхэлъу жыбоIэри

Куэдми уэ уагъэпэжыр.

Сыт ар дэ къыщIытлъэмыIэсыр,

Апхуэдизу дыжыжьэIей?!


Уи гущIэгъум ущытхъу зэпытщ,

Лъым етхьэлэ нобэ дунейр.

Дэпщэщ дэ ар щытлъагъунур,

Хьэмэрэ ауэ псалъэ лей?


Бзэ зэптахэм къыIуратхъыр,

Хэку ептам цIыхур къыпатхъыр,

Уэ быухыу уи щхьэщытхъур,

Мы къэхъукъащIэр зэ плъагъун хуей?


Тхьэмпэр псым ехь, къуэпсыр мэгъур,

ЛъэмыIэсыурэ уигущIэгъур.

Умылъагъу укъимылъагъужмэ,

Умыгъэкъуаншэ уэ ар пщэдей.

Къэгъэзэж (уэрэд)

Уи теплъэр си нэгу щIэмыкIыу,

Си гупщысэм ухэмыкIу,

Жэщи махуи сынопщIыхьыр,

Сэ уэ зэи уигу сыкъэмыкIыу.


Къэгъэзэж, дахэ цIыкIу, къэгъэзэж,

Сэ уэ сыппэплъэурэ сезэшащ.

Къэгъэзэж, си псэм хуэдэ, къэгъэзэж,

Къэгъэзэжи, дызэхуэгъэзэж!


Ухуэнауэ уи щхьэц кIыхыр,

Уафэм хуэду щхъуантIэу уи нэр,

КъызэзнэкIа псори сфIокIуэд —

Уэ зы закъуэрщ си гум къинэр.


Къэгъэзэж, дахэ цIыкIу, къэгъэзэж,

Сэ уэ сыппэплъэурэ сезэшащ.

Къэгъэзэж, си псэм хуэдэ, къэгъэзэж,

Къэгъэзэжи, дызэхуэгъэзэж!


Набдзэрэ пэт нэм щIэуэу къохъу,

ГъащIэщ мыр — гум жьэхэуэу къохъу,

Сыкъэбгъанэри уежьэжащ,

Мы гъащIэр сэ хьэлъэ къысщохъу.


Къэгъэзэж, дахэ цIыкIу, къэгъэзэж,

Сэ уэ сыппэплъэурэ сезэшащ.

Къэгъэзэж, си псэм хуэдэ, къэгъэзэж,

Къэгъэзэжи, дызэхуэгъэзэж!

ДэнэкIэ сыплъэми

Мы хы фIыцIэм сыIуоувэ,

Сыхоплъэри си гур мэуз.

Зызогъазэ, къуршыжьхэмкIэ,

CаIуоплъэри, cи псэр ехуз.


Лъыр щежэхащ а къурш плъагъухэм,

Псыежэххэм хэлъэдэжу,

Мо хы фIыцIэр кхъэ схуэхъуащ.

Си гуауэр зыхуаIуэтэжу.


Нобэ сэ си щыгъуэ махуэщ:

Зэман куэд ипэми, а гуауэр

Иджыри си гуауэщ,

Тхыдэм къыхэнами зауэр.


Си хэкум бийр къытеуэри,

Жэнэт щIыналъэм срахуащ.

Къытегъэзэж щымыIэжу,

Сэ щIыпIэ жыжьэхэм сахуащ.


Гуузщ дэнэкIи уплъэми,

ГущIэгъу зыхэмылъ Iуэхугъуэщ.

Дунейм дызэрыщикъухьам,

Мис а зауэр и щхьэусыгъуэщ.


Общественный деятель Бабуг Эргун на 2-й Международной черкесской (адыгской) конференции, Анкара, 2013 г.

НАВЕЧНО С РОДНОЙ ЗЕМЛЕЙ