Дуней хьэху. Усэбэ
Қосымшада ыңғайлырақҚосымшаны жүктеуге арналған QRRuStore · Samsung Galaxy Store
Huawei AppGallery · Xiaomi GetApps

автордың кітабын онлайн тегін оқу  Дуней хьэху. Усэбэ

Брат Мурат

Дуней хьэху

Усэбэ

Шрифты предоставлены компанией «ПараТайп»

Редактор Владимир Абитов

© Брат Мурат, 2018

Сборник стихов поэта Брат Мурата «Бренный мир» на черкесском языке. Мурат из поколения новой волны поэтов, привнесших в черкесскую поэзию новые веяния, гармонично вплетая их в старые традиции.

12+

ISBN 978-5-4490-5655-9

Создано в интеллектуальной издательской системе Ridero

Оглавление

  1. Дуней хьэху
  2. Дунейм и гъунэр
  3. Бжьыхьэ
  4. Адыгэ дунейр
  5. Ныжэбэ
  6. Псэ 1эмалыншэ
  7. Гъуэгухэр
  8. Адыгэ нып
  9. Къэдгъэзэжынущ
  10. Дыдей
  11. Хьэдэ гъуэгу гъыбзэ
  12. (1уэры1уатэм щыщ)
  13. Мэлъатэ…
  14. Псэбыдэ
  15. Къик1э фадэр, ныбжьэгъу!
  16. Насып хэт хуэмейр?
  17. Лъэмб
  18. Щ1эдэ1ук1ыт
  19. Сэмбыр 1уащхьэ
  20. Адыгэр зыхуэдэр
  21. Пэплъэ
  22. Шэ ф1ыц1э
  23. Пшэ
  24. Йожьэ
  25. Маржэ
  26. Бамп1э
  27. Нэхьэлатхэр
  28. Дэнэ дыжэн?
  29. Гущэкъу уэрэд
  30. Щ1ы гъунэ
  31. Псэ закъуэ
  32. Пэж
  33. Гумрэ мывэмрэ
  34. Джэрпэджэжхэр
  35. Нэкъыгъэ
  36. Зыпсэ
  37. Уасэр
  38. Гурыщ1э
  39. Матэм из мэрак1уэ
  40. Гъуэгу махуэ
  41. Тхэшхуэм и гум хуэдэу
  42. Гъаблэгу
  43. Накъыгъэ гуащэ
  44. Уи ныбжь къыстехуэмэ
  45. Изо1уэ уи ц1эр
  46. Уи 1упэхэр
  47. Жьэкуэ удхэр
  48. Гукъанэхэр
  49. Хьэбэз пщащэ
  50. Дытетыху
  51. Ара?
  52. Уэ
  53. Мазэщ1э
  54. Ди псэр
  55. Си щхьэнтэр ешащ
  56. Лъагъуныгъэ
  57. Т1раухэр
  58. Пк1элъейхэр
  59. Усэ к1эщ1
  60. Уэрэдхэр
  61. Гъурыгъуапщк1уэ
  62. Сыноджэ
  63. Гугъэ 1эф1хэр
  64. Умыгъ
  65. Сохъуапсэ
  66. Вагъуэ лъэмыж
  67. Усэ зэдзэк1ахэр
  68. Сэ ф1ыуэ уэ услъагъут
  69. Гъуэгу си закъуэу сытехьащи
  70. Гётэ и усэхэм щыщ
  71. Сыщ1егъуэжу сыджэу сык1элъыгъкъым
  72. Хъуэрыбзэ бжыхь

Дунейм и гъунэр

Дунейм и гъунэр псэк1э къэплъыхъуамэ

Сыт щыгъуи уи псэр ик1эм богъуэтыж.

Хэкуншэ уи щхьэр ауэ хъуамэ,

Темыт дунейм уэр щхьэк1э гупсэхуж.


Хотаджэ лъым пщэдджыжьк1э дыгъэ хамэр,

Лъы пц1ам ар хэлъу мы дунейм йохыж.

Псэхугъуэ тынш уи тхыц1эм къилъыхъуами,

Насыпу ябжыр жьауэ пхуэмыхъуж.


Мыхъуж узыншэ гъейшея уи Тхьэшхуэр,

Тхьэмпэ къек1урэххэм дыщэ щ1эмылъыж.

Жьынду псэхэххэр жэщк1э мэдыхьэшхыр,

Вагъуэ къэлыбхэм 1эф1 ящ1эмылъыж.


1эзэгъуэ-хущхьуэу ек1уу уэ уи бамп1эм

Дуней 1эф1ыгъуэм зы къыхэпхыжынт —

Уи къупшхьэ хужьхэр Хэкум и щ1ы ф1ыц1эм

Иплъхьэжмэ, тыншу уи псэр псэхужынт.

Бжьыхьэ

Мы си псэм бжьыхьэр пкъыуэ щ1эуващи,

Жэбза дунейм тэмакъыр ф1екъузык1.

Мо псым щ1элъ мывэр си нэм къыщ1эплъащи,

Къысф1ощ1 а мывэм сэ сызэхищ1ык1.


Гъэпщк1уп1э симы1эжу, уэхым ситщи,

Гурыгъур бгъафэм уэру къыдолъей.

Псэ зэхэщ1ык1ым тегъэщ1эн сищ1ащи,

Сэ гуры1уэгъуэр тк1ийуэ къызолей.


Нэ1уагъ игуэшу бжьыхьэр къек1урэхащи,

Дэсхын гу бамп1эр сэ схузэф1эмык1.

Щхьэзэкъуэныгъэр си псэм пкъырыхьащи —

Мо псым хэлъ мывэ псори къыщ1оплъык1.


Щхьэж и мывэжьыр псыхъуэм къыдоджык1ри,

Псым и уэрэду макъхэр зэхохьэж.

Щхьэзакъуэныгъэу щы1эр зы мэхъужри,

Тхьэзакъуэныгъэу уэгум ар йохьэж.

Адыгэ дунейр

Адыгэ дунейр мэкъутэжри

Уафэшхуэм зы хъуэск1 къыхэмыж.

Анэбзэр лъы пц1ауэ 1ум щожри

Ди лъэ1ухэр Тхьэм деж нэмысыж.


Къуаргъ-вындхэм гукъеуэ ягуэшри,

Щхьэж лъысу ибагъэ ятыж.

Къагъа1уэ дунейр, тхьэ тра1уэжри —

Фи Тхьэшхуэр дунейм темытыж.


Псэр Тхьэшхуэм и тхыпхъэу къыт1утщи,

Си ныбжьым сещ1ыж сэ 1энк1ун.

Дыпсоууэ уэгу лъащ1эм дыщ1этщи,

Дамашхьэр хузощ1 щ1эгъэкъуэн.


Дамащхьэр хуэдгъэщ1 щ1эгъэкъуэн!

Ныжэбэ

Ныжэбэ сепщ1ыхьащ зауэжьыр щымы1ауэ,

Лъыиф биижьхэр къыттемыбэнауэ,

Маф1эсым ди къуажэжьхэр имысауэ,

Л1ы бланэ хахуэхэр а зауэм имыхьауэ,

А зауэм хэк1уэдауэ хуар къелауэ,

Си лъэпкъым хуэкур ирамыгъэбгынауэ,

Адыгэ щ1ылъэр зэбгырамылъэфауэ,

Адыгэ уафэри мамыру къэнэжауэ,

Сабийхэр псэууэ тхъэжу къэтэджауэ,

Сабийхэм бын езым къащ1эхъуэжауэ,

Хьэзабу хъуар си лъэпкъым щхьэщык1ауэ,

Адыгэ хабзэм псори дыпыщ1ауэ,

Адыгэ хэкур ек1уу щ1эрэщ1ауэ…


Сыкъызэщыури нэпсхэр слъэщ1ыжащ.

Псэ 1эмалыншэ

Псэ 1эмалыншэм, нэф гупзешэу,

Ныбжь бзагуэ гъэрхэр къырешэк1,

Щ1ым къупщхьэ щ1элъхэр бзэ щ1эиншэу

Псынэпс уэгу щ1эплъхэм зрашэк1…


Мы дунеижьым хьэрыгъажэу

Зэман жаншархъыр къырехуэк1,

Дыгъэ ешар гъуэгурык1уэм ежьэу

Къухьэп1эм нэсмэ къызоплъэк1…


Псы къемыхахэм хуоплэр гугъэр,

Гъунапкъэм къуэлъым зеузэщ1,

Пщэдейр и плъап1эу къохьэр дыгъэр,

Дунейм и гъащ1эм махуэр хуощ1…


Тхьэм жи1эм, псэуэ нэху дыкъик1мэ,

Аргуэру дыгъэр къытпежьэнщ.

Псэ 1эмалыншэр п1эщ1эмык1мэ,

Аргуэру гъуэгум утришэнщ…

Г

...